РАССКАЗ ТХЫНЫМ ТЕУХУАУЭ АДЫГЭ ТХАКІУЭ НАТХЪУЭ КЪАДЫР И ЦІЭКІЭ ЗЭХАШЭ ЗЭПЕУЭР ЗЭРЕКIУЭКIЫНУМ И ХАБЗЭР

  1. Рассказ тхыным теухуауэ адыгэ тхакІуэ Натхъуэ Къадыр и цІэкІэ зэхашэ зэпеуэр (адэкІэ – Зэпеуэ) къызэзыгъэпэщри езыгъэкIуэкIри Хэку гъэзэжынымкІэ Адыгэ Хасэмрэ (Онтарио – Канадэ) ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэмрэщ (Налщыч – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ).
  1. Зэпеуэм и мурадщ адыгэбзэр лъэпкъым и къэгъэщIыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм зэращыщым щІалэгъуалэм гу лъригъэтэну, абы пщIэ хуищIын, хуэсакъын икIи ихъумэн зэрыхуейр къыгуригъэIуэну, сыт хуэдэ щытыкIэ имыхуами, и анэдэлъхубзэкIэ псэлъэныр, гупсысэныр, тхэныр, еджэныр пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр и фIэщ ищIыну.
  1. Зэпеуэм кърикIуэну дыщогугъ:
  • адыгэ щIалэгъуалэр зыщыщ лъэпкъым и щIэнхабзэм дригъэхьэхыну, сэнаущыгъэу яхэлъымрэ зэфIэкIыу ябгъэдэлъымрэ нэхъри иригъэфIэкIуэну икIи зригъэубгъуну, и гупсысэр къиIуэтэфу игъэсэну;
  • щІалэгъуалэм анэдэлъхубзэм хуиIэ щытыкIэм нэхъри зригъэIэтыну, псэлъэкIэ щыIэхэм нэхъри щигъэгъуэзэну, и жьабзэмрэ и тхыгъэбзэмрэ нэхъри къиIэтыну.
  1. Зэпеуэр щекIуэкIынур: 2020 гъэм бадзэуэгъуэ (июль) мазэм и 15-м щегъэжьауэ фокІадэ (сентябрь) мазэм и 15-м нэсыху.
  1. Зэпеуэм хэтынухэр:

Зэпеуэр ныбжькІэ зэщхьэщыгъэкІауэ щытынущ.

  • курыт еджапIэм щеджэу зи ныбжьыр илъэс 14-17-м ит еджакIуэхэр;
  • курыт еджапIэр къаухауэ, адэкIэ еджэу е лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыту зи ныбжьыр илъэс 25-м щІимыгъу щІалэгъуалэр.
  1. Зэпеуэм къагъэхьыну тхыгъэхэр:
  • Зэпеуэм къагъэхьыну тхыгъэхэр зытраухуэнумкІэ абы хэтынухэр хуитщ. Тхыгъэр жанркІэ рассказым и жыпхъэм итын хуейщ.
  • Зэпеуэм къагъэхь хъунущ абы хэхауэ хуагъэхьэзыра тхыгъэри, нэхъапэкІэ къытехуауэ щыта тхыгъэхэри.

 

  1. Зэпеуэм къыхэкIа тхыгъэхэр къыщапщытэкIэ, къалъытэнущ:
  • тхыгъэм фIэщыгъэ игъуэтамрэ абы къыщыIуэта хъуа гупсысэмрэ зэрызэпэджэж, зэрызэтехуэ щIыкIэр;
  • тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым къигъэлъэгъуа гупсысэкIэм и щIэщыгъуагъыр;
  • тхыгъэм къыщыхьа гупсысэр зэрызэкIэлъыгъэкIуа щIыкIэр;
  • тхыгъэм къыщыIэта Iуэхугъуэхэр зэпкърыха, къэIуэта зэрыхъуам и кууагъыр;
  • адрейхэм къащхьэщигъэкIыу тхыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэр;
  • бзэр купщIафIэ, гукъинэж зыщIу щыIэ Iэмалхэр къызэригъэсэбэпыфар.
  1. Тхыгъэр щагъэхьэзыркІэ зэрыбым теухуауэ зэрыгъуэзапхъэхэр:

8.1. Зэпеуэм къагъэхь тхыгъэхэр *Word жыпхъэм итын хуейщ.

8.2. НапэкІуэцІищ нэхъ мащІэ къикІ хъунукъым.

8.3. Текстым и къэухьхэр напэкІуэцІым см 2,5-кІэ (ижьымкІи, сэмэгумкІи, ищхьэкІи, ищІагъкІи) къыпэІухын хуейщ.

8.4. Сатыр къэс интервал тІуащІэкІэ зэбгъэдэхын, хьэрфым и инагъыр щагъэ 14-м тету, Times New Roman жыпхъэм иту къэщыпауэ щытын хуейщ.

  1. ТекІуахэмрэ къыхэжаныкІахэмрэ зэралъытэнур:

9.1. Курыт еджапІэм щІэс ныбжьыщІэхэм я унэтІыныгъэм ипкъ иткІэ, текІуахэмрэ къыхэжаныкІахэмрэ мыпхуэдэу ягъэфІэнущ:

  • япэ увыпІэр – сом минипщІ (10.000 руб.),
  • етІуанэ увыпІэр – сом минитху (5.000 руб.),
  • ещанэ увыпІэр – сом минищ (3.000 руб.).

9.2. Курыт еджапIэр къэзыуха щIалэгъуалэм (илъэс 25-м фIэмыкIахэр) я унэтІыныгъэм ипкъ иткІэ, текІуахэмрэ къыхэжаныкІахэмрэ мыпхуэдэу ягъэфІэнущ:

  • япэ увыпІэр – сом мин тІощІ (20.000 руб.),
  • етІуанэ увыпІэр – сом минипщІ (10.000 руб),
  • ещанэ увыпІэр – сом минибл (7.000 руб.).

9.3. ТекІуахэмрэ къыхэжаныкІахэмрэ Хэку гъэзэжынымкІэ Адыгэ Хасэм илъытэнущ, гъэфІэж пшыхьыр ХьэтІохъущокъуэ Къазий и цІэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщынущ.

9.4. Зэпеуэм хэта дэтхэнэ зыми зэхьэзэхуэм зэрыхэтамкIэ щыхьэт тхылъхэр (сертификатхэр) иратынущ.

9.5. Курыт еджапIэм щIэсхэм щыщу Зэпеуэм щытекIуахэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэм ФIыщIэ тхылъ хуагъэфэщэнущ.

9.6. Зэпеуэм кърикІуахэр наІуэ щыхъунур 2020 гъэм и жэпуэгъуэ (октябрь) мазэм и 10-рщ.

  1. Зэпеуэм бжьыпэр щызубыдахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ зэхэзыгъэкI КъэпщытакIуэ Гупыр:

10.1. Тхыгъэ къыхэкIахэр Зэпеуэм къигъэув пщалъэхэм зэрытехуэр зэхигъэкIыу КъэпщытакIуэ Гуп щыIэщ.

10.2. КъэпщытакIуэ Гупыр къызэзыгъэпэщыр ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэращ.

  1. Зэпеуэм и хъыбарыр зэбгрытыкІа зэрыхъунур:

ТекІуахэмрэ къыхэжаныкІахэмрэ я ІэдакъэщІэкІхэр псори Хэку гъэзэжынымкІэ Адыгэ Хасэмрэ ХьэтІохъущокъуэ Къазий и цІэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэмрэ Интернетым щаІэ напэкІуэцІхэм кърагъэувэнущ. ТекІуахэмрэ къыхэжаныкІахэмрэ я тхыгъэхэм къищынэмыщІауэ, къагъэхьахэм фІагъ и лъэныкъуэкІэ къыхэща тхыгъэхэри Интернетым кърагъэувэнущ. Хъыбару газетхэм, телевиденэм, радиом къатынущ.

  1. Тхыгъэхэр здрагъэхьынур:

12.1. Рассказхэр мы mail-хэщІапІэм егъэхьын хуейщ: edu@CROWorld.org

12.2. Зэпеуэм хэтым Гуэдзэн 1-м ит таблицэр напэкIуэцI щхьэхуэу итхыпхъэщ: рассказыр зэрыт файлым авторым и цІэмрэ и унагъуэцІэмрэ ит хъунукъым.

About the Author

Admin-D

Admin-D

Related Posts

More From This Category