НАЛО ЗАУР – Zawer NaloThe recipients of 2020 CRO Lifetime Achievement Award

Нало Заур Мыхьэмэт и къуэр (1928-2012 гъ.гъ.) адыгэ усакIуэщ, щIэныгъэлIщ, Къэбэрдей-Балъкэр республикэм и цIыхубэ тхакIуэщ.

Бзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэн хуейщ жызыIэу япэу къэувахэм ящыщщ Налор.

1979-1987 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ къудамэм и унафэщIу лэжьащ.

1990 гъэм Къэбэрдей-Балкъэрым и Парламентым и депутату хахащ, Къэбэрдейм адыгэ Хасэ  къыщыунэхуам и япэ тхьэмадэу щытащ.

1991 гъэм  Голландием щекIуэкIауэ щыта къэрал зыбжанэм щыпсэу адыгэхэм я зэIущIэм хэтащ Нало Заур, абдеж къыщыхалъхьауэ щытащ Дунейпсо адыгэ Хасэ зэхашэну, и хэщIапIэр Налшык щыIэу. Налор жыджэру хэлэжьыхьащ Хасэр гъэпсыным, езыр хасащхьэм хэтащ 1991-1993 гъэхэм.

ЩIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ, къэралпсо,  дунейпсо утыку къыщипсэлъынухэр итхащ, тхыдэ, бзэ щIэныгъэр и лъабжьэу. Адыгэбзэ щIэныгъэмрэ тхыдэмрэ теухуауэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъибл хьэзыр ищIащ.

Езыр и унафэщIу къыдагъэкIащ «Къэбэрдей литературэм и очеркхэр», «Адыгэ лъэпкъ пшыналъэхэмрэ уэрэдхэмрэ» тхылъищ хъууэ.

Нало Заур куэд къихутэри итхыжащ XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм къэрал утыку ита хэкулI Къэзэнокъуэ Жэбагъы теухуауэ. Налоращ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуауэ къаIуэтэжахэр щызэхуэхьэса тхылъыр зейр.

ЩIэныгъэлIым игъэхьэзырри къыдигъэкIащ Бахъсэн узэщIакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр (1991), КIуащ БетIал, Елбэрд Хьэсэн (1991), Нало Жансэхъу (2004), Къылышби Исмэхьил (2009) сымэ я тхыгъэхэр.

«Къэбэрдей усыгъэм и антологиер» зэхуихьэсщ, зэхигуэшыкIщ, зэпкърихыжри къыдигъэкIащ (1957), апхуэдэу елэжьащ «Пасэрей адыгэ литературэм и антологием) (2010).

Адыгэ джэгуакIуэхэм теухуа тхылъышхуэм Налор илъэс 25-кIэ елэжьащ, зэи зыри зэрытемыпсэлъыхьауэ лъэпкъым и пащхьэ ар кърилъхьащ.

Налом и щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щыщIаджыкI Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгей республикэхэм я щIэныгъэхутэ институтхэм.

Нало Мыхьэмэт и къуэ Заур адыгэ литературэм и лъагапIэм щыIэ тхакIуэщ, адыгэ усыгъэм и купщIэм нэсыфащ.  Абы и усыгъэ, и тхыгъэхэм щыщ курыт еджапIэхэми, еджапIэ нэхъыщхьэхэми щадж. «Таурыхъищэ» жиIэу, адыгэ таурыхъхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдигъэкIащ. Абы нэмыщI лъэпкъ куэдым я псысэхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ. Абыхэм щыщ куэд хигъэувауэ щытащ «Сабий щэнгъасэ» жыхуиIэ и тхылъ гъуэзэджэм.

«Къру закъуэ» зыфIищауэ и новеллэхэр зэрыт тхылъыр дунейм къыщытехьам адыгэ литературэр, шэч хэмылъу, ипэкIэ кIуэтащ, зригъэужьащ.

Гупсысэ куукIэ гъэнщIауэ, екIуу гъэпсауэ, дунейпсо утыку щызекIуэ лэжьыгъэхэм пеуэфыну апхуэдэ лэжьыгъэщ Налом къызэринэкIахэщ. Псэуху лъэпкъым хуэлэжьащ, тхакIуэ, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэми ядэIэпыкъууи щытащ.

About the Author

Admin-D

Admin-D

Related Posts

More From This Category