Къэбэрдейм щеджэ Тырку Адыгэ щIалэгъуалэр я хэкужь къэнэжыну хуейхэщ

Къэбэрдейм щеджэ Тырку Адыгэ щIалэгъуалэр я хэкужь къэнэжыну хуейхэщ

Мэремыкъуэ Хъайри, Тыркум Анзорей жылагъуэм щыщщ. Налшык къалэ.

Иужьырей илъэсхэм хамэ къэрал щыпсэу Адыгэхэр щIэх щIэхыурэ я хэкужьым мэкIуэжыфхэр. Абы лъагъунлъагъу, къэкIухьакIуэ кIуэхэм къинэмыщIауэ я хэкужь ягъэзэжыпIэну елэжьхэри згъэзэжыпахэри щыIэхэщ. Ахэм ящыщщ Университет еджэну Къэбэрдейм кIуа щIалэгъулэхэри. Я анэдэлъхубзэ зыIурылъу еджапIэ кIуахэр абдеж нэхъ къэнэжыну хуей мэхъу. Сыт ухэдиз абдеж гугъуехь къащыпыкъуэмыкIыми “Мыр ди хэкущ“ ЖаIэри зырагъэзэгъыну яхуейщ. 20I3-20I4 гъэ еджэгъуэн Тыркум икIыу Къэбэрдей- Бэлъкъэр къэрал уеиверситетым еджакIуэ кIуа гупым ящыщ Мэремыкуъэ Хъайри ди микрофоным къедгъэпсэлъащ, икIи упщIэ зы бжанэкIэ зыхудогъазэ, Хъайри, Къэбэрдейм укIуэжауэ университетым ущоджэ, сыт ар къыщIыхэпхар?

Мэремыкъуэ Хъайри: “Къабэрдеркуэд тщIау сигу илт си гьэщIэр мыбыкIэ кьасхьыжыну сыхуэт.сыт щхьэIэ жыпIэмэ си льэпкьуэгьухэр сиблагьэхэр мыбы щопсэуцIыхухэр си анэдэльхубзэмкIэ щопсальэ.аращи сытыми ди хэкужщ кьадгьэзэжын хуэйщ псоми.

Хуитыныгъэ радио: “Хъайри уэ уиадэжьхэращ Къэбэрдейм къикIар, уэ иджы абы ущопсэур апхуэдиз зэман дэкIауэ иджы дауэ къыпщыхъурэ уи адэжь щIыналъэр?

Мэремыкъуэ Хъайри: “Се сы етхуанэ щIэблэт тыркум щыIэ мэремыкьуэхэм ильэс щэрэ ныкьуэрэ кIуащ хамэ кьарал дызэпэжыжэу дыпсэурэ.а зэман кьомкIэ дызэпэжыжэу дыпсэуами иджий дибзэр иджий ди хабзэр ди културэр зэтохуэмыбы дызэрыщыщыр дызэрыадыгэр сифIэщ хъужау жыпIэ хъунущ.

Хуитыныгъэ радио: “Хэкужьым бзэ хабзэм теухуауэ Тыркум щымыIэу сыт хуэдэхэм нэхъ гу лъыпта?

Мэремыкъуэ Хъайри: “Бзэм тэухуауэ Адыгэбзэр цIыку ин псом кьэгьэсэбэп еджапIэхэм адыгэбзэуи щоджэхэ унывэрстэйтымфилологиа енститутур бзэм хурэгьэджэ.бэзэрым уэрамым дэнкIэй адыгэбзэр кьагьэсэбэп зэхыдохыри ди гуапэ мэхъу.хабзэр щэ.. дэ тыркум нахъ пэсэрэй хабзэм дытэтщ мыбы щыIэхэм я хабзэр зэманым ирагьэкIуащ нахъ зиужьащ дунэм зэхъуэжыриадыгэхэми зэманым зырагьэкIун хуэйщ.

Хуитыныгъэ радио: “Абдеж Тыркум икIауэ щыIэ щIалэгъуалэм сыт хуэдэ проблем нэхъ фиIэхэр?

Мэремыкъуэ Хъайри: “П юртым общэжитием ущыкIуэжкIэ гьуэгухэм псори кIыфдыдэщ неху зыри тэткьым аткIэ иджирей зэманыр интернет зэманщ ауэ юуртхэм общэжитиэхэм интернет щIэткьым душхэр туалэтхэр зэгьэпэщыжын ремонт щIын хуэйщ, щыгьын жьыщIыпIэ щыIэкьым зы машинэ диIэу аращи ари тхурикьукьым тэмэмуи ижьыщIыжкьым. Псом нахъырэ нахъыщхьэу дэ мыбы щэджэхэр мыбы лэжьапIэй кьыщыдгьуэтыжу дыкьэнэжу дыщыпсэужынуи дыхуэйщ ауэ абы щхьэIэ времени отурум кьэIитхыну дыхуэйщ ар дызэрыстудэнтым дызэрэджэм щхьэIэ кьыдаткьым ар нахъ хуиту ды студэнтыми кьыдатыну дыхуэт. псори тэмэмщ проблэма ин диIэкьым ауэ кIэщIу жыпIэну хъумэ уныверситэтым укьыикIыжу

Урысейм и цIыху хъууэ я хэкужь згъэзэжыну хуейхэм куэдыр мэтхьэусыхэ “Ди хэкужь дгъэзэжынуми абы теухуа документхэр тхуэщIкъым, гугъуехь куэдыIуэ пыщIащ“ ЖаIэри.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие

About the Author

Admin-D

Admin-D

Related Posts

More From This Category